Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

Бын гъуэтын (зэгъэгъуэтын)

  • 1 бын

    1. дитя
    / ЩIэблэ.
    * Расул ищIэрт Джэрий бын зэримыIэр. Къу. Хь.
    2. семья
    / ЗэрылъхузэрыпI, къэзылъхуахэмрэ къалъхуахэмрэ; къизышамрэ кърашамрэ.
    Кхъуэ бын. Джэдкъурт бын.
    Бын гъуэтын (зэгъэгъуэтын) родить, обзавестись ребенком.
    * Абы фыз къиша нэужь, бын имыгъуэту куэд екIуэкIащ. Къу. Хь.
    Бын щIын усыновить (удочерить) кого-л.
    бын кIасэ поздние дети
    / Зи ныбжь хэкIуэта зэлIзэфызым ягъуэтыж бын.
    бын пажэ первенец
    / Бынхэм я нэхъыжь.
    * Илъэс зыбжанэ лъандэрэ щхьэлтету лажьэ Жамырзэ и бын пажэт Хьэсэн. Къу. Хь.
    бын пасэ ранний ребенок
    / Зэщхьэгъусэ щIалэхэм пасэу ягъуэта бын.
    * Бын пасэ зыгъуэтар хущIегъуэжыркъым. (погов.)
    бын пэлъытэ чужой ребенок, к которому относятся как к родному
    / Быным хуэдэу къалъытэ цIыху.
    * Си гум ихункъым.. уи бын пэлъытэу Гуапэу си щхьэфэм Iэ щыдэплъар. Iуащхь.
    бын тIуащIэ сводные дети
    / ФызитIым зы лIым къыхуилъхуа, зы фызым лIитIым къахуилъхуа бын.
    Бын тIуащIэ хъун.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > бын

  • 2 зэгъэгъуэтын

    (зрегъэгъуэт) перех. гл. найти, приобрести, обрести, получить кого-что-л.
    / Къэгъуэтын, зэIэрыгъэхьэн.
    Къару зэгъэгъуэтын.
    * Ахъшэ хуэлIэ правительствэм и мурадт христианхэм я мылъкур къитхьэкъукIэрэ ахъшэ зэригъэгъуэтыну. Ижь. д. и ист. ЦIыхухэм IэщIагъэ зрагъэгъуэтырт, машинэкIэ лажьэрт. Iуащхь. Сабий дохутыру зэрылэжьа зэман куэдым Марусхъан опытышхуэ зригъэгъуэтащ. Iуащхь.
    Бын зэгъэгъуэтын = бын гъуэтын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэгъэгъуэтын

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»